to main page
Ady-Ady_AP
I
А Б В Г Д Е Ж З И Й К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Щ Ы Э Ю Я
Г ГА ГВ ГЕ ГИ ГЛ ГО ГР ГУ ГЪ ГЫ
selected terms: 1,392 page 2 of 70
21. ГВАРДИЕ
гвардия / Дзэ хэплъыхьа, лIыхъужьыдзэ. ◊ Я бэракъыр жьым зэрихуэу, текIуэныгъэшхуэм игъэбжьыфIауэ гвардиер и къалащхьэм йоблэгъэж. Ш. А.
22. ГЕКТАР
гектар / ЩIыр къызэрапщ, метр зэбгъузэнатIэу 1000 хъу щапхъэ. Гектар хъу хьэсэ.
23. ГЕНЕРАЛ
генерал / Дзэм и командир нэхъыщхьэхэм фIащ цIэ, апхуэдэ цIэ зезыхьэ цIыху.
24. ГЕНЕРАЛИССИМУС
генералиссимус / Военнэ цIэ нэхъыщхьэ дыдэ, апхуэдэ цIэ зезыхьэ цIыху.
25. ГЕНЕРАЛЬНЭ
1. генеральный, главный / Нэхъыщхьэ дыдэ. Генеральнэ директор. 2. генеральный, всеобщий / Псори къызэщIэзыубыдэ. ЩIыпIэм и генеральнэ план.
26. ГЕНЕРАТОР
генератор / Механическэ е нэгъуэщI къару лIэужьыгъуэр электрическэ къарум хуэзыгъакIуэ машинэ е Iэмэпсымэ.
27. ГЕНЕТИКЭ
генетика / Организмхэм зэрызахъуэжымрэ лIэужьымрэ зыдж щIэныгъэ. ГенетикэмкIэ IэщIагъэлI.
28. ГЕНИЙ
гений / Егъэлеяуэ Iущагъ ин; егъэлеяуэ Iущагъ ин зиIэ цIыху. ◊ Материк жыжьэхэм жыр лъэхъу фIыцIэжьхэр уи гений макъымкIэ къызэролъэлъ. Щ. А.
29. ГЕНОЦИД
геноцид / ЦIыхухэр я расэ, лъэпкъ зыщыщ, яIыгъ дин елъытакIэ зэтеукIэным хуэунэтIауэ империализмэмрэ фашизмэмрэ къагъэщIа политикэ.
30. ГЕНХЭР
гены / Псэущхьэхэм, цIыхум, къэкIыгъэхэм я лIэужьыр зыгъэкIуатэ пкъыгъуэхэр.
31. ГЕОГРАФИЕ
география / ЩIы хъурейм и зэхэлъыкIэр, абы и щхьэфэр, природэ псор абы зэрытегуэшар зыдж щIэныгъэ.
32. ГЕОЛОГ
геолог / Геологием иужь ит, геологиемкIэ IэщIагъэ зиIэ цIыху. Геолог Iэзэ.
33. ГЕОЛОГИЕ
геология / ЩIы щхьэфэр зэрыухуар зэрызэхэлъыр къызэрыхъуар, гъащIэм щIым зэрызыщиужьам и тхыдэр, щIым щIэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр зыдж щIэныгъэ.
34. ГЕОМЕТРИЕ
геометрия / Математикэм щыщ Iыхьэу пространственнэ формэхэмрэ пкъыгъуэхэм я зэхущытыкIэмрэ зыдж щIэныгъэ. ГеометриемкIэ урок. ГеометриемкIэ егъэджакIэ.
35. ГЕРБ
герб / Бэракъ, ахъшэ, мыхъур сыт хуэдэхэм традзэ зэрызэхагъэкI къэрал, къалэ, лъэпкъ дамыгъэ. Къэрал герб. Налшык къалэ и герб.
36. ГЕРБАРИЙ
гербарий / КъэкIыгъэ гъэгъуа зэхуэхьэса. ЕджакIуэхэм гербарий ящIыну удз зэмылIэужьыгъуэ куэд зэхуахьэсащ.
37. ГЕТТО
гетто / Курыт лIэщIыгъуэхэм Европэми къалэхэм журтхэр щыпсэуну щыхухахыу щыта хьэблэ; Я расэ, я дин елъытауэ я хуитыныгъэкIэ дакъузэ цIыхухэр щыпсэун хуейуэ ягъэувауэ капиталистическэ More…
38. ГИБРИД
гибрид / Iэщ е къэкIыгъэ зэмылъэпкъэгъухэр зэхагъэхьэкIэрэ къагъэхъу лъэпкъыщIэ, сортыщIэ. Нартыху гибрид.
39. ГИГИЕНЭ
гигиена / Узыншагъэр хъумэным сэбэп хуэхъу Iуэхугъуэхэр зыдж щIэныгъэ. Гигиенэм и хабзэхэр гъэзэщIэныр узыншагъэм и лъабжьэщ.
40. ГИДРОЭЛЕКТРОСТАНЦ
гидроэлектростанция / Электрическэ къару къэлэжьынымкIэ псыежэх къелъэр къэзыгъэсэбэп станц (гъэкIэщIауэ ГЭС).
 to main page AboutTop 10FeedbackLogin  top of page
© 2008 AdminUser XHTML | CSS Powered by Glossword 1.8.12