to main page
Ady-Ady_AP
I
А Б В Г Д Е Ж З И Й К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Щ Ы Э Ю Я
М МА МЕ МИ МО МР МУ МЫ МЭ
selected terms: 592 page 1 of 30
1. М
тридцатая буква кабардино-черкесского алфавита / Адыгэ алфавитым и ещэщIанэ хьэрф.
2. МАI
I междом. звукоподражание блеянию овцы / Мэлыр щыгъуэкIэ ищI макъ. II (в детской речи) овца, ягнёнок / Сабийхэр мэлым, щынэм ироджэ.
3. МАIУ
см. мэIу. ◊ Лъэпщ яхуещI нартхэм джати, шабзи, маIуи, бжыи. Нарт. Нарт Сосым и маIу хужьышхуэм бий бжыпэр егъэлъеиж. Н. Ш.
4. МАIУХУ
см. мэIу. ◊ Сосрыкъуэу си къан, Сосрыкъуэу си нэху, зи маIуху дыщафэ... Къэб. п. и ант. Нэгъуей маIухум хахуэ фочышэр толъалъэ. фольк.
5. МАВЗОЛЕЙ
мавзолей / Кхъащхьэ унэ, кхъэлэгъунэ. Мавзолейм щIыхьэн.
6. МАГИСТРАЛЬ
магистраль / Мыхьэнэшхуэ зиIэ, куэд щызекIуэ, куэд щызэрашэ гъуэгу. ГъущI гъуэгу магистраль. Псы магистраль. Хьэуа магистраль.
7. МАГНИТ
см. малъхъэдис.
8. МАГНИТОЛЭ
магнитола / Магнитофонрэ приемникрэ зэхэту щIа аппарат. Магнитолэ къегъэуэн.
9. МАГНИТОФОН
магнитофон / Макъыр магнит лентIым тезытхэ, апхуэдэу ятхам узэредаIуэ хъу аппарат. магнитофонкIэ тхын.
10. МАЕ
питательный, калорийный (о еде) / Къэуат зиIэ, дагъэ зыщIэт (ерыскъы). ◊ Шхын мае. Хъерхэр зи бащэу зи дагъэр маехэ, щэуэ фыбагъуэ. IуэрыIу.
11. МАЖНУН
мажнун пшха? белены объелся?
12. МАЖУСИЙ
устар. 1. языческая религия / Тхьэ куэд зиIэ дин. ◊ Псатхьэ пасэрей адыгэхэм яхэлъа мажусий диным хэта тхьэщ, псэм и тхьэщ. Къэб. п. и ант. 2. язычник / Мажусий диным ит, ар зи More…
13. МАЖЬЭ
гребень, расчёска / Дзахъэ зыIут, щхьэц зэражь хьэпшып. МажьэкIэ щхьэр жьын.
14. МАЖЬЭБЗ
расчёска с частыми зубьями / Мажьэм и зы лъэныкъуэ, дзэ Iув щабэ Iуту. Мажьэбзым и дзэхэр IущIы-кIащ.
15. МАЖЬЭКЪУАНШЭ
гребень (изогнутый) / Дзэ цIырхъ зыIут, хъурей щIыкIэу гъэжьа мажьэ; щхьэхэIу мажьэ. Щхьэцым мажьэкъуаншэ хэIун. Мажьэкъуаншэр зэфIэщIыкIащ.
16. МАЖЬЭХЪУ
расческа с редкими зубьями / Мажьэм и зы лъэныкъуэ, дзэ цIырхъ пхъашэ Iуту. МажьэхъукIэ щхьэцыр зэIыхын.
17. МАЗАГЪУЭ
см. мазэгъуэ.
18. МАЗАЩХЬЭ
кубано-зеленчукские начало месяца (первое число) / Мазэм и пэ махуэ. ◊ - Мы мазэм и мазащхьэр сыт махуэ? - жери лIыжьыр щIэупщIащ. фольк.
19. МАЗУТI
мазут / ЩIыдагъэм фэтыджэн, бензин, газолин къыхаха нэужь къанэр; щIыдагъэкIэ. МазутIкIэ зэщIэцIэлэн.
20. МАЗЭ
1. месяц, луна / ЩIым и гъусэ, дыгъэм и нуркIэ блэ уафэ пкъыгъуэ. ◊ Зэуэ мазэр пшэ фIыцIэм щIелъафэри дунейм жьапщэу зыкъызыщIещIэ. Ш. А. 2. месяц / Илъэсым и Iыхьэ пщыкIутIанэ. ◊ More…
 to main page AboutTop 10FeedbackLogin  top of page
© 2008 AdminUser XHTML | CSS Powered by Glossword 1.8.12