to main page
Ady-Ady_AP
I
А Б В Г Д Е Ж З И Й К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Щ Ы Э Ю Я
Ф ФI ФА ФЕ ФИ ФЛ ФО ФР ФТ ФУ ФЫ ФЭ
selected terms: 479 page 1 of 24
1. Ф
сороковая буква кабардино-черкесского алфавита / Адыгэ алфавитым и еплIыщIанэ хьэрф.
2. ФI
сорок первая буква кабардино-черкесского алфавита / Адыгэ алфавитым и плIыщIрэ езанэ хьэрф.
3. ФIАГЪ
1. добротность, качественность / ФIы псалъэм къытекIа щыIэцIэ. 2. качество чего-л. / ЗэрыфIым и щапхъэ, и лъэщагъ. ◊ Ерыскъым и фIагъ. {И} фIагъ екIын = {и} фIыгъэ екIын.
4. ФIАЛЪЭ
1. копыто / Iэщ лъэбжьанэ. ◊ Шы фIалъэм щIыгур игъэгызу Уи {Къэбэрдей} хэку бий гуартэ къихьэрейт. КIу. Б. 2. передняя нога (напр. лошади) / Iэщым и плIэ лъакъуитIыр. ◊ Шым зэ More…
5. ФIАМЫЩI
1. уголь (ископаемое) / ЩIым къыщIах гъэсын. ◊ - Гъэс фIамыщIыр, - жиIэщ дади, кIуащ лIыжь гъукIэр кхъухьтедзапIэм. КI. А. 2. угли / Пхъэ сахуэ, дэп щIэужьыхэжа. Яжьэм фIэмыщI и More…
6. ФIАМЫЩIЩIЭХ
кубано-зеленчукские шахтер (угольной шахты) / ФIамыщI щIым къыщIэзых цIыху; шахтер. ◊ Хырехъуэ нэхъри фIамыщIщIэххэм фи щIыхьым, ди къуэшхэ. Лъэб.
7. ФIАНАЩХЬЭ
лопатка тяпки / ФIанэ, кIы фIэмылъу; хьэмфIанащхьэ. ФIанащхьэр фIэхуащ. ФIанащхьэм кIы фIэлъхьэн.
8. ФIАНЭ
тяпка, мотыга / Хадэ зэрапщIэ Iэмэпсымэ; хьэмфIанэ. ФIанэ дзагуэ. ◊ КIыщым ди хъыджэбзхэр къыщIыхьамэ, ФIанэ къахьри жаIэр: "щIэуIукI"...
9. ФIАНЭЖЬ
устар. тесак в виде мотыги для обработки дерева / Пасэрей пхъащIэхэм пхъэр ираIущIу зэрахьэу щыта Iэмэпсымэ.
10. ФIАНЭКI
ручка тяпки / ФIанэм и убыдыпIэ, икI. ФIанэкIыр фIэхун. ФIэнэкI упсын.
11. ФIАРИЙ
бот. подорожник (Plantago) / ИлъэситIкIэ е нэхъыбэкIэ къэкI удз лъэпкъыгъуэ.
12. ФIАРИЙТХЬЭМПЭ
бот. кубано-зеленчукские подорожник большой (Plantago major) / Зы гъэкIэ нэхъ мыпсэу, хущхъуэу къагъэсэбэп удз лIэужьыгъуэ.
13. ФIЕIУБЫН
(фIоIуб) неперех. гл. глотнуть, хлебнуть что-л. вопреки чьему-л. желанию / НэгъуэщIым имыдэу зыгуэрым еIубын. Псы фIеIубын. Хъущхъуэм фIеIубын.
14. ФIЕIУСЭН
(фIоIусэ) неперех. гл. см. фIеIэбын.
15. ФIЕIЭБЫН
(фIоIэб) неперех. гл. тронуть кого-что-л. вопреки чьей-л. воле / Зыгуэрым фIэмыфIу зыгуэрым еIусэн. Сымаджэр уIэгъэм яфIеIэбырт.
16. ФIЕГЪЭДЗЭН
каузатив к фIэдзэн а) / ФIэдзэн а) псалъэм и каузатив. ЖьыщIыгъэхэр кIапсэм фIегъэдзэн.
17. ФIЕГЪЭДЭН
каузатив к фIэдэн I / ФIэдэн I псалъэм и каузатив. Iэщхьэр фIегъэдэн.
18. ФIЕГЪЭЛЪХЬЭН
каузатив к фIэлъхьэн / ФIэлъхьэн псалъэм и каузатив. УадэкIыр фIэлъхьэн.
19. ФIЕГЪЭЩIЫХЬЫН
каузатив к фIэщIыхьын / ФIэщIыхьын псалъэм и каузатив. Лъапщэм лъапэ фIегъэщIыхьын.
20. ФIЕГЪЭЩЫН
каузатив к фIэщын / ФIэщын псалъэм и каузатив.
 to main page AboutTop 10FeedbackLogin  top of page
© 2008 AdminUser XHTML | CSS Powered by Glossword 1.8.12