to main page
Ady-Ady_AP
I
А Б В Г Д Е Ж З И Й К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Щ Ы Э Ю Я
Г ГА ГВ ГЕ ГИ ГЛ ГО ГР ГУ ГЪ ГЫ
ГРА ГРЕ ГРИ ГРО ГРУ
selected terms: 27 page 1 of 2
1. ГРАВЮРЭ
1. гравюра (произведение искусства) / Металл, пхъэ, абдж н. къ. я щIыIум къыхэбзыкIа е тегъэжьыкIа сурэт, апхуэдэу ящIу тхылъымпIэм трагъэуэжа сурэт. 2. гравюра (вид искусства) / More…
2. ГРАДУС
1. градус (единица измерения угла) / Дугар е плIанэпэр къызэрапщ щапхъэ, хъурейм и 1/360 хъууэ. Градус 30 хъу плIанэпэ. 2. градус (единица измерения температуры) / Хьэуам, псым, More…
3. ГРАДУСНИК
градусник / Хуабагъ-щIыIагъ къызэрапщ Iэмэпсымэ; термометр. ГрадусниккIэ сымаджэм и температурэр къэпщын.
4. ГРАЖДАН
граждан зауэ гражданская война / IэщэкIэ зэщIэузэдауэ къэрал кIуэцIым щекIуэкI классовэ бэнэныгъэ.
5. ГРАЖДАНИН
гражданин / Къэрал гуэрым зэпымыууэ щыпсэухэм ящыщ, а къэралым и законхэм къарит хуитыныгъэ псори къэзыгъэсэбэп, законхэм къыхуагъэув къалэнхэр зыгъэзащIэ цIыху. Россием и гражданин. More…
6. ГРАЖДАНЫГЪЭ
гражданство / Гражданину щытыныгъэ. Гражданыгъэ къэщтэн.
7. ГРАММ
грамм / Хьэлъагъыр къызэрапщ метрическэ системэм и щапхъэ, псыуэ зы кубическэ сантиметрым и хьэлъагъым хуэдиз хъууэ. Зы килограммыр грамм 1000 мэхъу.
8. ГРАММАТИКЭ
1. грамматика (раздел языкознания) / БзэщIэныгъэм псалъэмрэ псалъэухамрэ я зэхэлъыкIэр зыдж Iыхьэ. Грамматикэр IыхьитIу зэхэлъщ: морфологиерэ синтаксису. Адыгэбзэ грамматикэ. More…
9. ГРАМОТЭ
грамота (официальный письменный акт) / Iуэхугъуэ гуэрым щыхьэт техъуэ тхылъ; щIыхь тхылъ. ЩIыхь грамотэ.
10. ГРАМПЛАСТИНКЭ
грампластинка / Макъ, музыкэ уедэIуэж хъууэ абы хуэщIа аппараткIэ зытетха пластинкэ. Грампластинкэ къэщэхун. Грампластинкэм тетым едэIуэн.
11. ГРАНАТ
I 1. бот. гранат (Pinuca granatum) / ЩIыпIэ хуабэхэм къыщыкI пхъэщхьэмыщхьэ жыг. 2. гранат (плод) / А жыгым къыпыкIэ, зи фэр плъыжь-фIыцIафэ, зи щIыIур пхъафэм хуэдэ пхъэщхьэмыщхьэ. More…
12. ГРАНАТОМЕТ
гранатомет / ГранаткIэ уэ Iэщэ. ГранатометкIэ танкым еуэн.
13. ГРАНИТ
гранит / Къыр мывэ быдэ лIэужьыгъуэщ, ухуэныгъэм къыщагъэсэбэпу. Унэр гранитым къыхэщIыкIащ.
14. ГРАНКЭ
гранка (оттиск печатного набора) / Иджыри напэкIуэцIурэ зэхэмыгъэува печатнэ наборыр зытрагъэуа тхылъымпIэ напэ. Гранкэм щыуагъэхэр къыхэгъэкIын.
15. ГРАФА
1. графа (полоса или столбец в таблице) / Таблицэхэм, конторэ тхылъхэм я къетхъыхаитIым яку дэт полоса. 2. графа (рубрика) / Текстым и Iыхьэ, рубрикэ.
16. ГРАФИК
I 1. график (чертеж) / Зыужьыныгъэр, зыгуэрым и щытыкIэр итхъахэмкIэ къыщыгъэлъэгъуа чертеж. МафIэгухэр зэрызекIуэну график. 2. график (план работ) / Нормэхэмрэ щыбгъэзэщIэну More…
17. ГРАФИКЭ
1. графика (вид изобразительного искусства). / Краскэ ирамыхьэлIэу, линиехэр, штриххэр къагъэсэбэпкIэрэ, сурэт зэращI Iэмал. Графикэ сурэт. 2. графика (напр. латинская) / More…
18. ГРЕЙПФРУТ
грейпфрут (плод) / Цитрус жыг лIэужьыгъуэм къыпыкIэ, гуащIэмрэ IэфIымрэ зэщIэту зыхэт, зи теплъэкIэ хъурей пхъэщхьэмыщхьэ.
19. ГРЕК
грек, гречанка / Грецием нэхъыбэу щыпсэу лъэпкъ, а лъэпкъым щыщ цIыху.
20. ГРЕЛКЭ
грелка / Псы хуабэ иракIэу е электричествэкIэ къагъэплъу Iэпкълъэпкъым щыщ гуэр ягъэхуэбэн папщIэ къагъэсэбэп Iэмэпсымэ. Ныбэм грелкэ телъхьэн.
 to main page AboutTop 10FeedbackLogin  top of page
© 2008 AdminUser XHTML | CSS Powered by Glossword 1.8.12