to main page
Ady-Ady_AP
I
А Б В Г Д Е Ж З И Й К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Щ Ы Э Ю Я
Г ГА ГВ ГЕ ГИ ГЛ ГО ГР ГУ ГЪ ГЫ
selected terms: 1,392 page 1 of 70
1. Г
пятая буква кабардино-черкесского алфавита / Адыгэ алфавитым и етхуанэ хьэрф.
2. ГАЗ
газ / Нэм имылъагъу, фэ зимыIэ химическэ пкъыгъуэ.
3. ГАЗЕТ
газета / ХъыбарыщIэхэр, политическэ, литературнэ, щIэныгъэ-популярнэ тхыгъэхэр зэрыту пIалъэ пыухыкIа и зэхуакуурэ (махуэ къэс е нэхъ мащIэрэ) къыдагъэкI тхылъымпIэ напэшхуэ. "Адыгэ More…
4. ГАЗОПРОВОД
газопровод / Газыр зы щIыпIэм ирашу нэгъуэщIыпIэ зэрашэ бжьамий. Газопроводыр къуажэм блокI.
5. ГАЛАНТЕРЕЕ
галантерея / ЦIыхум зыкIэрилъхьэ, къигъэсэбэп хьэпшып цIыкIуфэкIухэр (Iэлъэ, лентI, мажьэ, Iуданэ с. ху. ).
6. ГАЛИФЕЙ
галифе / И куэпкъым деж нэхъ быхъу щыхъуу, и лъэгуажьэм къыщыщIэдзауэ и лъэнкIапIэм къекъузэкIауэ щыт гъуэншэдж щIыIутелъ. ◊ Коверкот гъуабжэ галифейм ету тедзапIэ укъиуIэну ирикIуэу, More…
7. ГАЛСТУК
галстук / Джанэ пщампIэм и щIагъкIэ кърашэкIыу и гупэмкIэ щызэрадзэ пщэдэлъ. Галстук дэлъхьэн. Галстук зэрыдзэн.
8. ГАНГСТЕР
гангстер / ХъунщIакIуэ, къэрал языныкъуэхэм щыIэ бандэ гупхэм яхэт цIыху.
9. ГАНДБОЛ
гандбол / КомандэкIэ гуэшауэ зэрыджэгу спортивнэ джэгукIэ (джэгухэм топыр IэкIэ я ныкъуэкъуэгъухэм я куэбжэм дадзэну хущIокъу).
10. ГАРАЖ
гараж / Автомобилхэр, мотоциклхэр зыщIэт е ахэр къутамэ щащIыж псэуалъэ. Машинэр гаражым щIэхуэжын.
11. ГАРАНТИЕ
гарантия / ЗыгуэрымкIэ шэсыпIэ иувэныгъэ. Сыхьэтым гарантиеу илъэс иIэщ.
12. ГАРГУ
гаргу жиIэу с шумом, с грохотом (делать что-л. ). Бжэр "гаргу" жиIэу едзылIэн.
13. ГАРГУЭ-сыргуэ
см. гаргу. ЩIалэм "гаргу-сыргу" жригъэIэу кIэлындорым ирокIуэ.
14. ГАРДЕРОБ
1. гардероб / Щыгъын зыдалъхьэ, зыфIадзэ шкаф. Гардеробыр пэшым щIэгъэувэн. Бостейр гардеробым фIэдзэн. 2. гардероб, раздевальня / IуэхущIапIэ, театр с. ху. къекIуалIэхэм я щыгъын More…
15. ГАРНИЗОН
гарнизон / Къалэм, быдапIэм зэпымыууэ е пIалъэкIэ дэс дзэ. ◊ Брест гарнизоныр лIыхъужьыгъэ хэлъу нэмыцэ фашистхэм езэуащ. Iуащхь.
16. ГАРНИР
гарнир / Бдзэжьейм, лым къыхэщIыкIа шхыныгъуэхэм дыщIагъу кIэртIоф гъэва, къэбыстэ фIэIу, макарон с. ху. Лым кIэртIоф гарнир щIэлъщ.
17. ГАРЦ
устар. гарнец / Япэм нартыху, гуэдз с. ху. ирапщу щыIа щапхъэ (литри 3, 28 хъууэ). ◊ ЛIыжьым нартыху иригъэхьэжам щхьэлтетым хьэжыпщIэу гарцищ хихащ. фольк.
18. ГАСТРИТ
мед. гастрит / Шхалъэм пIалъэ-пIалъэкIэрэ къыхэлъадэ уз хьэлъэ. Гастрит къеузын.
19. ГАСТРОЛЬ
гастроли / НэгъуэщI щIыпIэ къикIа актерхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэ. "Кабардинкэ" къэфакIуэ ансамблыр Москва гастроль щыIащ.
20. ГАСТРОНОМ
гастроном / Ерыскъыхэр щащэ тыкуэн. Къалэм гастрономыщIэ къыщызэIуахащ. Гастрономым сыщыщэхуащ.
 to main page AboutTop 10FeedbackLogin  top of page
© 2008 AdminUser XHTML | CSS Powered by Glossword 1.8.12