to main page
Ady-Ady_AP
I
А Б В Г Д Е Ж З И Й К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Щ Ы Э Ю Я
Г ГА ГВ ГЕ ГИ ГЛ ГО ГР ГУ ГЪ ГЫ
ГУ ГУ- ГУI ГУА ГУБ ГУВ ГУГ ГУД ГУЕ ГУЖ ГУЗ ГУИ ГУК ГУЛ ГУМ ГУН ГУО ГУП ГУР ГУС ГУТ ГУУ ГУФ ГУХ ГУЦ ГУШ ГУЩ ГУЭ
selected terms: 533 page 1 of 27
1. ГУ
I шестая буква кабардино-черкесского алфавита / Адыгэ алфавитым и еханэ хьэрф. II 1. сердце / ЦIыхум, шэрыпI псэущхьэхэм, тхы къупщхьэ зиIэхэм я лъыр мардэм тету зезыгъакIуэу бгъэм More…
2. ГУ-гугу
междом. бабах (для обозначения грохота от падения чего-л. тяжелого) / Зыгуэр лъагапIэ гуэрым щехуэхкIэ ищI макъ.
3. ГУIЭ
см. гуIэгъуэ I. ◊ Хъыджэбзым гуIэ гъыбзафэр игъэшу бгъуэнщIагъым щIэст. фольк. Анэ зимыIэм гуIэр и махуэщ. (погов. ) ГуIэм зегъэхьын полностью отдаться горю. ГуIэм нэр къыщипхъуэн More…
4. ГУIЭГЪУЭ
I состояние скорби, печали / Гузэвэгъуэшхуэ, нэщхъеягъуэ ин. ◊ Гъыбзэм щIэт макъамэм зыщиузэщIыпэр цIыхубз пщылIхэм я гуIэгъуэр абы къыщыхэщхьэрыуэжырщ. Ш. А. II частица ой (выражает More…
5. ГУIЭЖЫН
(мэгуIэж) неперех. гл. см. гуIэн.
6. ГУIЭН
(мэгуIэ) неперех. гл. скорбеть, печалиться, горевать, переживать / Гузэвэгъуэшхуэ гъэвын. ◊ Пэжщ, хъыбар гуауэм иригуIами, абы иригузэвами, Дахэлинэ и гугъэр Жумэлдин хихыжу More…
7. ГУАЖЭ
обида / гуауэ, жагъуэ хъу. ◊ Хъыджэбзым жраIа хъуэрыбзэр гуажэ щыхъури щIэкIыжащ. фольк. ТхьэIухудыр гуажэм ихьу бгъуэнщIагъым щIэст. фольк. Гуажэ хуэхъун стать обидой для кого-л. More…
8. ГУАКIУАГЪ(э)
привлекательность / ГуакIуэ псалъэм къытекIа щыIэцIэ. ◊ Iэружан апхуэдэ дыдэу дахэтэкъым ауэ и гуакIуагъым узыIэпишэрт. Щ. I.
9. ГУАКIУЭ
привлекательный, обаятельный, симпатичный / ЛъагъугъафIэ, зи теплъэр гурыхь. ЦIыхубз гуакIуэ. цIыху гуакIуэ. ◊ БжэщхьэIум хъыджэбз гуакIуэ тетт. КI. Т.
10. ГУАКЪУЭ
гуакъуэр игъэкIын утолить жажду, голод. ЩIалэ мэжэлIар и гуакъуэр икIыху шхащ.
11. ГУАНАБЭ
сучковатый, суковатый / Гуанэ куэд зытет, зиIэ (жыг, пхъэ). ◊ Иныжьым и пщIантIэм дэт пхъэлъантхъуэ гуанабэм вы зэIыхар пылъат. фольк. Щыхьыбжьэм ещхь пхъэлъантхъуэ гуанабэм и More…
12. ГУАНЫМ
мало-каб. см. гуэндыкъуакъуэ. ◊ Гукуми апхуэдэу Iейуэ удридзейркъым: е хьэуазэм ухэсщ, е гуанымым утесщ. Н. З.
13. ГУАНЭ
гуанэ сук, сучок / Жыгым е пхъэм тета къудамэхэр гъууэ пыщIыкIыжа е паупщIа иужькIэ, пхъэм къыхэнэр. Пхъэбгъум гуанэ и мащIэщ. ◊ Хьэпакъ чы гуанитIыр щIэуфэм иредзэри жьэгум More…
14. ГУАНЭПЩIАНЭ
см. гуанабэ
15. ГУАПАГЪ(э)
теплота, сердечность, ласка / Гуапэ псалъэм къытекIа щыIэцIэ. ◊ Гуапагъэ хэлъу Джырандыкъуэ къызэрызэплъам сыкъызэригъэгъуэтыжри Iуэхум нэхъ сытегушхуащ. Т. Хь. {Сурэ} нэфIэгуфIагъи, More…
16. ГУАПЭ
сердечный, теплый, ласковый / Гур арэзы зыщI, гум фIэфI, щхьэпэ. Псалъэ гуапэ. ЦIыху гуапэ. ◊ Биболэт ухуэзэмэ, сэлам гуапэ къыуех. КI. Т. {И} гуапэ хъун испытывать чувство More…
17. ГУАПЭУ
нареч. сердечно, ласково, тепло / Арэзы укъищIу, гум дыхьэу. ◊ Анэгум гуфIэгъуэр гуапэу щохуабэ. Къэб.
18. ГУАРТЭ
гурт, табун, стадо / Iэщ хъушэ зэхэт. Шыбз гуартэ. Мэл гуартэр зыху мэлыхъуэхэм илъэс тIощI зи ныбжь Васили яхэтт. КI. Т.
19. ГУАРЦЭ
кизяк / Куэншыб зэтеубар вабдзэкIэ зэпаупщIу е цIынэу хьэупIэ ящIу ягъэгъужа гъэсын. Гуарцэ мафIэ. ◊ Къуажэм гуарцэ Iугъуэ мащIэ къыдеху. КI. Т. Сыунэхъури хьэкум гуарцэ ислъхьат. More…
20. ГУАУЭ
горе, скорбь / Нэщхъеягъуэ, гущIыхьэ. ◊ И гъунэгъум я унагъуэм къихъуа гуауэм Бэчмырзэ хуабжьу иринэщхъеящ. Т. Хь. Гуауэри гуапэри зэпылъщ. (погов. ) Гуауэ зымылъэгъуам гуапэр More…
 to main page AboutTop 10FeedbackLogin  top of page
© 2008 AdminUser XHTML | CSS Powered by Glossword 1.8.12