to main page
Ady-Ady_AP
I
А Б В Г Д Е Ж З И Й К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Щ Ы Э Ю Я
М МА МЕ МИ МО МР МУ МЫ МЭ
selected terms: 592 page 28 of 30
541. МЭЛЫХЪУЭНЭПС
перепончатый мешочек из плевы, наполненный жидкостью (внутренний орган овец) / Мэл кIуэцIым илъ псы зэрыт шэрыб цIыкIу. Мэлыхъуэнэпсыр къэгъэуэн.
542. МЭЛЫХЪУЭПКЪЫУЭ
название заболевания (букв. паралич чабана) / Iэпкълъэпкъыр зыщIэзыубыдэ, къыдэмыбзыжу зыщI узыфэ. ◊ Мэлыхъуэпкъыуэ зэуза щIалэгъуалэр лъхугъэншэу къонэ. фольк.
543. МЭЛЫХЪУЭСАБЫН
бот. мята водяная (Mentha aquatica) / ЩыпIуэткIэ сабын тхъурымбэ къэзыщI, мэ гуакIуэ къызыпих удз. Мэлыхъуэхэм мэлыхъуэсабыным зыратхьэщIу щытащ.
544. МЭЛЫХЪУЭХЬЭ
кавказская овчарка / Мэлыхъуэм и гъусэу мэл гуартэр зыхъумэ хьэ. ◊ Къэнжал хъупIэм унихьэмэ, мэлыхъуэхьэхэм зыкъуадз. Нарт.
545. МЭЛЫХЬЫПЛIЭ
широкоплечий / ЦIыху плIабгъуэ, плIэухуа. ◊ МэлыхьыплIэ жыхуаIэм хуэдэщ ГъущIыпсэ. КI. Т.
546. МЭЛЭIЫЧ
см. мелыIыч. ◊ Хъуэжэ псэууэ жэнэтым яшэу ирагъэлъагъуну мэлэIыч къыхуэкIуахэщ. фольк.
547. МЭРАКIУАЛЪЭ
ягодник / МэракIуэ щыкуэд щIыпIэ. Псы Iуфэ мэракIуалъэ. МэракIуалъэ къэгъуэтын.
548. МЭРАКIУАПЦIАЛЪЭ
местность, богатая ежевикой / МэракIуапцIэ щыкуэд щIыпIэ. ◊ Псыхъуэ мэракIуапцIалъэхэр къуалэбзухэм тIысыпIэу яIэт. Къэб.
549. МЭРАКIУАПЦIЭ
мэракIуапцIэ 1. бот. ежевика сизая, ожина (Rubus caesius) / МэракIуэ фIыцIэ къызыпыкIэ гъурц. МэракIуапцIэр Iуву зэхэкIащ. 2. ягода ежевики / МэракIуапцIэм къыпыкIэ More…
550. МЭРАКIУЕЙ
шелковица, тутовое дерево (Morus) / МэракIуэ къызыпыкIэ жыгышхуэ лъэпкъ. МэракIуей тхьэмпэм шылэ хьэпIацIэ ирагъашхэ.
551. МЭРАКIУЭ
земляника / Хьэдзэ-хьэдзэу зэхэлъ, цIыхухэм яшх, удзым къыпыкIэ. МэракIуэ шхын. ◊ Зэныбжьэгъу хъыджэбз куэд мэракIуэ къэтщыпыну мэзым дыкъэкIуат. Нарт. ЩIымахуэ мэракIуэ см. More…
552. МЭРАКIУЭIЭРЫСЭ
бот. клубника (Fragaria moschata Ducharte) / ЦIыхум хиса, игъэкIа мэракIуэ. МэракIуэIэрысэ гъэтIысын. МэракIуэIэрысэ шхын.
553. МЭРАКIУЭДЖЫДЭ
устар. расщепленная на конце палочка, в которую закрепляют пучки земляники / Губгъуэ мэракIуэ Iэрамэхэр зыдрагъэубыда баш зэгуэтхъа. ЦIыкIухэм мэракIуэджыдэхэр яIыгъыу къокIуэж. More…
554. МЭРАКIУЭНЭПЦI
бот. лапчатка гусиная (Potentilla anserina) / Илъэс бжыгъэкIэ къэкI, гъуэжьыфэу къэгъагъэ удзщ; и пкъым щIым щылъу зиубгъуу, и тхьэмпэхэр къабзийм ещхьу.
555. МЭРАКIУЭХЬЭ
собирание, сбор земляники / МэракIуэ къэщыпыныгъэ, къэхьыныгъэ. ◊ МэракIуэхьэ кIуэн. ГъуарцийкIэ еджэу зы щIалэ цIыкIу гуэрым цIыкIухэр зэщIигъэуIуэри мэзым ишащ мэракIуэхьэ. фольк. More…
556. МЭРАКIУЭЩЫПЭ
см. мэракIуэхьэ.
557. МЭРАМЫСЭ
см. мырамысэ.
558. МЭРЕМ
пятница / Тхьэмахуэ зэхуакум и етхуанэ махуэ.
559. МЭРЖАН
1. рубин / Мывэ дахэ лъапIэ лъэпкъ. 2. рубиновые бусины, делящие четки на определенные части / Нэмэз щыгъэр зэрыгуэша Iыхьэхэр зыгъэнахуэ щыгъэ цIыкIу.
560. МЭРЗЕЙ
пастила из фруктов, ягод в форме тонких пластов / Пхъэщхьэмыщхьэ къыщIэпIытIыкIа, пIащIэу гъэгъуа шейхэдзэ. Мэрзейр дыгъэкIэ гъэгъун. Мэрзей хэдзауэ шей ефэн.
 to main page AboutTop 10FeedbackLogin  top of page
© 2008 AdminUser XHTML | CSS Powered by Glossword 1.8.12