to main page
Ady-Ady_AP
I
А Б В Г Д Е Ж З И Й К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Щ Ы Э Ю Я
З ЗА ЗВ ЗД ЗЕ ЗИ ЗН ЗО ЗР ЗУ ЗЫ ЗЭ
selected terms: 4,234 page 209 of 212
4161. ЗЭЩIЭШХЭН
(зэщIешхэ) перех. гл. склеить, заклеить что-л. / ЗэкIэрышхэн, зэкIэрыгъэпщIэн. Щхьэгъубжэр зэщIэшхэн. Сабэм иуа и нэкIур нэпсым зэщIишхат. Iуащхь. ХъупIэм къикIыж Iэщхэм я кIэр ятIэм More…
4162. ЗЭЩIЭШЭСЭН
(зэщIошасэ) неперех. гл. одновременно сесть на коней / Зэуэ зыгуэрхэр шыхэм шэсын. Нарт шу гупхэр мэхасэри зэщIошасэри ныдокI.. Нарт.
4163. ЗЭЩIЭЩIЭН
(зэщIещIэ) перех. гл. запрячь, впрячь кого-л. (напр. вола) / Зыгуэр зыгуэрым щIэщIэн. Шыгур зэщIэщIэн.
4164. ЗЭЩIЭЩТЭН
(зэщIещтэ) перех. гл. занять полностью, захватить, заполнить что-л. / Зыгуэр зыгуэрхэм зэщIаубыдэн, яуфэбгъун, щIагъэнэн. Жыгхэр хьэпIацIэм зэщIащтащ. {ЛIыжьхэм:} ЗэгъащIэ, More…
4165. ЗЭЩIЭЩЫМЭН
(зэщIощымэ) неперех. гл. утихнуть, затихнуть одновременно / ЗэщIэсабырэн, Iэуэлъауэншэ хъун. ЩIалэ цIыкIухэр зэщIэщыма щхьэкIэ, къуалэбзухэр зэтеувыIэртэкъым. Т. Хь.
4166. ЗЭЩIЭЩЫПЭН
(зэщIещыпэ) перех. гл. 1. собрать полностью что-л. (напр. ягоды) / Зыри къэмынэу зыгуэрхэр зэхуэхьэсын, зэщIэкъуэн. МэракIуэр зэщIэщыпэн. 2. склевать что-л. без остатка / Зыри More…
4167. ЗЭЩIЭЩЫХЬЫН
а) (зэщIещыхь) перех. гл. остричь кого-что-л. наголо / Зыгуэрым и щхьэц къанэ щымыIэу тегъэкIын, тещыкIын. ЩIалэ цIыкIухэр щхьэ бацэти, дадэм зэщIищыхьащ. б) (зэщIэщыхьащ) неперех. More…
4168. ЗЭЩIЭЩЫЩЭН
(зэщIощыщэ) неперех. гл. заржать одновременно (о лошадях) / Шы куэдым я щыщ макъ къэIун, зэуэ щыщын. Шыхэр зэщIэщыщащ.
4169. ЗЭЩIЭЩЭН
(зэщIещэ) перех. гл. 1. остричь кого-что-л. наголо / Къэщыхьын. Щхьэр зэщIэщэн. 2. постричь, остричь {всех} поголовно / Псори щын. Адэм и къуэхэм я щхьэр зэщIищащ.
4170. ЗЭЩХЬЫН
(зэщхьщ) неперех. гл. быть похожими друг на друга / Зэхуэдэу щытын, зэщхьэщымыкIын, зыр зым ещхьын. ЩхьэгъубжитIыр зэщхьщ.
4171. ЗЭЩХЬЫРКЪАБЗЭН
(зэщхьыркъабзэщ) неперех. гл. быть абсолютно похожими друг на друга / Зэщхь дыдэу щытын.
4172. ЗЭЩХЬЫРКЪАБЗЭУ
нареч. абсолютно похоже друг на друга / Зэщхь дыдэу, зэхуэдэпсу. Зэщхьыркъабзэу хъыджэбзитI унэм къыщIыхьащ. Махуэ псори зэщхьыркъабзэу Хьэкуринэ ехь и гъащIэр. КI. А.
4173. ЗЭЩХЬЭЩЫГЪЭЖЫН
I (зэщхьэщегъэж) перех. гл. отлить что-л. (о жидкости) / ТкIуаткIуэ гуэрыр зэщхьэщыхын, зым итым щыщ нэгъуэщIым икIэн. Пэгуным ит шэр зэщхьэщыгъэжын. II (зэщхьэщегъэж) перех. гл. More…
4174. ЗЭЩХЬЭЩЫГЪЭКIУЭТЫН
каузатив к зэщхьэщыкIуэтын / ЗэщхьэщыкIуэтын псалъэм и каузативщ. Мэкъу Iэтэр зэщхьэщыгъэкIуэтын. ПхъэбгъуитIыр зэщхьэщыгъэкIуэтын.
4175. ЗЭЩХЬЭЩЫГЪЭКIЫН
(зэщхьэщегъэкI) перех. гл. 1. отделить кого-что-л. / ЗэгуэгъэкIын, зыр адрейм къыгуэгъэкIын. 2. различить кого-что-л., разграничить что-л. / Зыгуэр зэхэгъэкIын.
4176. ЗЭЩХЬЭЩЫГЪЭУВЭН
каузатив к зэщхьэщыувэн / Зэщхьэщыувэн псалъэм и каузативщ. Пэгунхэр зэщхьэщыгъэувэн.
4177. ЗЭЩХЬЭЩЫДЗЫН
(зэщхьэщедз) перех. гл. сбросить верхнюю часть, верхушку чего-л. / И щхьэр къедзыхын. Жьыбгъэм Iэтэр зэщхьэщидзащ.
4178. ЗЭЩХЬЭЩЫКIУЭТЫН
(зэщхьэщокIуэт) неперех. гл. сместиться, сдвинуться (о верхней части чего-л. ) / КIуатэурэ зыгуэр зэщхьэщыкIын. Тебэр зэщхьэщыкIуэтащ.
4179. ЗЭЩХЬЭЩЫКIЫНЫГЪЭ
различие, разница / ЗэщхьэщыкIын псалъэм къытекIа щыIэцIэщ. Хьэлимэт и псэукIэр Иван и гъащIэм куэдрэ иригъапщэрт - а тIум зэщхьэщыкIыныгъэ яIэу зэи къыхуэщIакъым. КI. Т. Я гъащIэр More…
4180. ЗЭЩХЬЭЩЫТЫКIЫН
(зэщхьэщотыкI) неперех. гл. разниться, различаться чем-л. / ЗыгуэркIэ зэмыщхьу щытын, зэгуэкIын, зэтемыхуэн. Усэхэр я фIагъкIэ зэщхьэщокI. ПщылIыр щыIуагъэкIа зэманым къыщыщIэдзауэ More…
 to main page AboutTop 10FeedbackLogin  top of page
© 2008 AdminUser XHTML | CSS Powered by Glossword 1.8.12