to main page
Ady-Ady_AP
I
А Б В Г Д Е Ж З И Й К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Щ Ы Э Ю Я
I
IУI IУА IУБ IУВ IУГ IУД IУЕ IУЖ IУЗ IУИ IУК IУЛ IУМ IУН IУО IУП IУР IУС IУТ IУУ IУФ IУХ IУЦ IУЧ IУШ IУЩ IУЭ
selected terms: 54 page 1 of 3
1. IУРИХЫН
(Iурех) неперех. гл. заснуть, уснуть / Жеин, жейм хилъэфэн. ◊ Къэзмай зэрыгъуэлъу, Iурихащ. КI. А.
2. IУРИЧЫН
(Iуреч) неперех. гл. кубано-зеленчукские см. Iурихын. ◊ Сабийр нэхущым деж Iуричри жеящ. фольк.
3. IУРЩIЫР
кубано-зеленчукские воспитанный; тактичный / ЩIыкIэ дахэ зиIэ, щIыкIафIэ. Пщащэ IурщIыр.
4. IУРЩIЫРЫГЪЭ
кубано-зеленчукские воспитанность, тактичность / IурщIыр псалъэм къытекIа щыIэцIэ.
5. IУРЫIЭБАПIЭ
IурыIэбапIэ зимыIэ очень строгий, суровый (о человеке). ◊ КъагъэкIуар IурыIэбапIэ зимыIэ зы къанлы гуэру жаIэ. Iуащхь.
6. IУРЫIЭБЭН
(IуроIэбэ) неперех. гл. 1. провести рукой по острию чего-л. / Зыгуэрым и жаныпIэм еIусэн, Iэпэр хуэмурэ иригъэкIуэн. ◊ ЩIэгъэщхъуауэ джатэ жаным IэкIи и дзэм IуроIэбэ. Щ. А. 2. More…
7. IУРЫБЖЭУ
нареч. кубано-зеленчукские наизусть (напр. читать) / ГукIэ, зэмыплъIауэ (усэ, таурыхъ с. ху. жыIэн). ◊ Мыдэ, си ПIатIэ, Iурыбжэу зэбгъэщIа усэхэр зэхэдгъэхыт. Лъэб.
8. IУРЫБЗЕЕН
(Iуробзае) неперех. гл. лизнуть кого-л. в губы / Зыгуэрым и жьэм, и Iум ебзеин. ◊ ЛIыгъэ зиIэм тIу ешх, ар зимыIэр зиIэм Iуробзае. Iуащхь.
9. IУРЫБЗЭБЗЫХЬЫН
(Iуробзэбзыхь) неперех. гл. кубано-зеленчукские говорить заискивающе с кем-л. / Зыгуэрым уеубзэурэ епсэлъэн, зыгуэр жеIэн. ◊ - Алыхь, а щIалэм лажьи-хъати имыIэу щIэвдзакIэ, - жиIащ More…
10. IУРЫБЗЭФIЫКIЫН
(IуробзэфIыкI) неперех. гл. льстить кому-л., лебезить перед кем-л. / ФэрыщIагъ хэлъу IэфIу епсэлъэн, еубзэрэбзэн. ◊ Мысхьуд, зэуэ зыкъигъуэтыжри, Андзор Мудар щхьэщэ хуищIащ, тIэкIуи More…
11. IУРЫВЭ
см. щхьэгъавэ.
12. IУРЫГЪЭЛЪЭДЭН
(Iурегъэлъадэ) перех. гл. см. жьэдэгъэлъэдэн.
13. IУРЫГЪЭТКIУЭН
(IурегъаткIуэ) перех. гл. см. жьэдэгъэткIуэн. Уiэгъэм псы IурыгъэткIуэн.
14. IУРЫГЪЭУПЩIЫIУЭН
(IурегъэупщIыIуэ) перех. гл. просторечие 1. ударить кого-л. / Зыгуэрым удын едзын, еуэн. ◊ Феуэ, феуэ, бий залымым, IурывгъэупщIыIуэ. фольк. 2. переносное остудить чей-л. пыл / More…
15. IУРЫГЪЭУЭН
каузатив к Iурыуэн / Iурыуэн псалъэм и каузатив.
16. IУРЫГЪЭХЬЭН
жьы Iурыгъэхьэн см. жьы. II.
17. IУРЫДЗЭН
(Iуредзэ) перех. гл. 1. бросить что-л. кому-л. в рот / Бдзыуэрэ зыгуэрым и жьэм зыгуэр жьэдэгъэхуэн. 2. переносное просторечие выболтать что-л. кому-л. Щэху гуэр зыгуэрым хуэIуэтэн. More…
18. IУРЫЖЕИКIЫН
(IурожеикI) неперех. гл. сразу заснуть; неожиданно уснуть / Зэуэ жеин, Iурихын. Сабийр Iурыжеи-кIащ.
19. IУРЫЖЫН
(Iурож) неперех. гл. см. къыIурыжын. Шэр Iурож - шэ къыIурож. ◊ {МэзылIым:}-Шэр пIурыжми уэ щIалэщIэр, Си маисэм уескъузылIэм зэфIэкIащ. Акъ. З.
20. IУРЫЖЬЭЖЬЫКIЫН
(IурожьэжьыкI) неперех. гл. иметь высокую температуру, температурить / Хуабжьу плъыржьэру щытын (п. п. сымаджэр).
 to main page AboutTop 10FeedbackLogin  top of page
© 2008 AdminUser XHTML | CSS Powered by Glossword 1.8.12