to main page
Ady-Ady_AP
I
А Б В Г Д Е Ж З И Й К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Щ Ы Э Ю Я
М МА МЕ МИ МО МР МУ МЫ МЭ
МАI МАВ МАГ МАЕ МАЖ МАЗ МАИ МАЙ МАК МАЛ МАМ МАН МАР МАС МАТ МАУ МАФ МАХ МАЦ МАШ МАЩ МАЯ
selected terms: 18 page 1 of 1
1. МАРДЭ
1. мера, степень чего-л. / Зыгуэр (гупсысэ, гурыщIэ с. ху. ) къызыщIиубыдэр зыхуэдиз. Хъерым и мардэ. ЦIыхугъэм и мардэ. 2. срок, предел / Зэман пыухыкIа, Iуэхугъуэ гуэрыр More…
2. МАРДЭНШЭ
беспредельный / Гъунэншэ, щапхъэ зимыIэ. ГуфIэгъуэ мардэншэ.
3. МАРДЭНШЭУ
нареч. беспредельно / Гъунэншэ, щапхъэншэу. ◊ Псы абрагъуэ щхьэзыфIэфIыр езыр зэрыхуейм хуэдэу йоукIуриех, и псыIур мардэншэу ехъуэж. КI. Т.
4. МАРЖЭ
клич, призыв / ЦIыхухэм зэрызыхуагъазэ, зыгуэрым ахэр къыхуезыджэ псалъэ. ◊ Маржэ, нартхэр фыкъызэхуэс. Къэб. п. и ант. ЗылI и быну дывгъэлажьэ, маржэ. Хь. Хь.
5. МАРКИЗЕТ
маркизет ║ маркизетовый / ЩэкI пIащIэ псынщIэ. Маркизет бостеяпхъэ.
6. МАРКУЭ
глист, ленточный червь / Хьэмбылум ещхьу Iэщхэм, цIыхухэм я кIуэцIым ирищIэ. Маркуэ къыдэхын.
7. МАРКУЭГЫН
глистогонное лекарство / МаркуэгъалIэ. Маркуэгын ефэн. ◊ Форэ бжьыныхурэ зэхалъхьэрти адыгэхэм маркуэгын ящIырт. фольк.
8. МАРКЭ
I 1. марка (почтовая) / Письмоулъэ с. ху. егъэхьыпщIэм и дамыгъэу трагъапщIэ, тет тхылъымпIэ цIыкIу. Письмоулъэм маркэ тегъэпщIэн. Маркэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэхуэхьэсын. 2. маркэ More…
9. МАРТ
март / Илъэсым и ещанэ мазэ гъатхэпэ. ◊ Мартым шым ятIэ матищ яшх. (погов. )
10. МАРХЪУЭ
мозд. диалект пост (в христианской религии) / НэщI (гъэшхэкI, дагъэ зыщIэт щамышх мазэ).
11. МАРШ
марш (музыкальное произведение) / Ритм пыухыкIарэ лъэбакъуэм изагъэ тактрэ иIэу гъэпса музыкальнэ произведенэ. Марш еуэн. Марш едэIуэн.
12. МАРШАЛ
маршал / Дзэм унафэ хуэщIынымкIэ яIэ фIыщIэ иным папщIэ команднэ состав нэхъыщхьэм хэтхэм фIащ, генералым нэхърэ нэхъ лъагэ воинскэ цIэ, апхуэдэу а цIэр зезыхьэ цIыху. Авиацэм и More…
13. МАРШРУТ
маршрут / Ежьэным ипэ къихуэу яубзыхуа зэрыкIуэну гъуэгу (цIыху, мафIэгу, кхъухь, н. къ. ), къыщыувыIэну щIыпIэхэри къэгъэлъэгъуауэ. Турист ежьам и маршрут.
14. МАРШЫНЭ
см. машинэ.
15. МАРШЫНЭЖЬЭГУ
гнездо для челнока (у швейной машины) / Шэцыкуэр зэрылъ кумбыгъэ. Маршынэжьэгум шэцыкуэр къихын.
16. МАРШЫНЭШЭРХЪ
катушка (ниток) / Iуданэ зытеша шэрхъ; Iуданэшэрхъ. Iуданэр маршынэшэрхъым къытешын.
17. МАРЫБЗ
устар. портниха / Дэрбзэр цIыхубз. ◊ Уей, си анэу Сэтэней.. Уи марыхъу схуэгъабзэ, уи марыбз схуэгъадэ, Тэджэлей схуегъэщI. IуэрыIу.
18. МАРЫХЪУ
устар. 1. портной / ЦIыхухъу дэрбзэр. ◊ Сосрыкъуэу си щIалэ, Сосрыкъуэу си нэху,.. Сэ марыхъу пхуэзгъэбзэнщ, Сэ марыбз пхуэзгъэдэнщ. Нарт. 2. вид старинного, холодного оружия / More…
 to main page AboutTop 10FeedbackLogin  top of page
© 2008 AdminUser XHTML | CSS Powered by Glossword 1.8.12