to main page
Ady-Ady_AP
I
А Б В Г Д Е Ж З И Й К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Щ Ы Э Ю Я
З ЗА ЗВ ЗД ЗЕ ЗИ ЗН ЗО ЗР ЗУ ЗЫ ЗЭ
ЗЭ ЗЭ- ЗЭI ЗЭА ЗЭБ ЗЭВ ЗЭГ ЗЭД ЗЭЖ ЗЭЗ ЗЭИ ЗЭК ЗЭЛ ЗЭМ ЗЭН ЗЭП ЗЭР ЗЭС ЗЭТ ЗЭУ ЗЭФ ЗЭХ ЗЭЦ ЗЭЧ ЗЭШ ЗЭЩ
selected terms: 73 page 1 of 4
1. ЗЭIУБЗ
зэIубз хъун 1) выясниться, стать понятным, проясниться (напр. о деле). Шырыкъу ТIутIэ ущыгугъмэ, ди Iуэху зэIубз хъунукъым. КI. А. 2) проясниться (о погоде). Дунейр зэIубз хъуащ. More…
2. ЗЭIУБЗЭН
(зэIубзэ) неперех. гл. сходиться-расходиться (о плоскостях режущих инструментов - напр. ножниц) / Лэныстэм и дзитIыр е нэгъуэщI пызыупщI Iэмэпсымэхэм я дзэр зэIухьэ-зэIукIыу щытын. More…
3. ЗЭIУГЪЭЖЫН
(зэIуегъэж) перех. гл. распахнуть, открыть что-л. настежь (напр. окно) / ИгъэузэщIыкIын, зэIухын, Iухын (бжэр, щхьэгъубжэр). Чэщейуэ си щхьэгъубжэшхуэр нэхущым зэIузогъэж. фольк.
4. ЗЭIУГЪЭЗЭЩIЫКIЫН
(зэIуегъэзэщIыкI) перех. гл. открыть, раскрыть что-л. настежь (напр. ставни) / ЗэIухын, зэIугъэжын. Щхьэгъубжэр зэIуигъэзэщIыкIри Софят щIэкIащ. Щ. I.
5. ЗЭIУГЪЭУЭЖЫН
(зэIуегъэуэж) перех. гл. см. зэIугъэуэн.
6. ЗЭIУГЪЭУЭН
каузатив к зэIууэн 1 / ЗэIууэн 1 псалъэм и каузативщ. Сэр зэIугъэуэн.
7. ЗЭIУГЪЭЩIЭН
каузатив к зэIущIэн / ЗэIущIэн псалъэм и каузативщ. Темыр къэкIуэнущ жаIэри жылэр зэIуагъэщIащ. фольк.
8. ЗЭIУДЗЫН
(зэIуедз) перех. гл. резко раскрыть настежь что-л. (напр. окно) / ПсынщIэу зэIухын, зэIугъэузэщIыкIын (щхьэгъубжэр). Бжэм бгъэдолъадэ, ар зэIуедзри пщIантIэм долъадэ. Пьесэхэр. More…
9. ЗЭIУДЗЭН
(зэIуедзэ) перех. гл. 1. приложить (стрелу к тетиве) / Уэн мурадкIэ шабзэшэмрэ шабзэм и бзэмрэ зэрыгъэгъуэтын. Сосрыкъуэ и шабзэжьыр зэIуедзэри, Вагъуэбэм нахохуэ. Нарт. ЛIыгъур More…
10. ЗЭIУЖЫН
(зэIуож) неперех. гл. распахнуться, раскрыться (напр. о двери) / ЗэIукIын, зэIухын, зэIукIуэтын. Куэбжэр зэIужащ. Щхьэгъубжэр зэIуож.
11. ЗЭIУЗЭПЭЩ
благополучный, благоустроенный, обеспенный / Тэмэм, къызыхуэтыншэ, къызэгъэпэща. Къуажэр зэIузэпэщ ящI.
12. ЗЭIУЗЭПЭЩУ
нареч. благополучно, благоустроенно, обеспеченно / Тэмэму, бэIутIэIуншэу, къызыхуэтыншэу. ЗэIущIэр зэIузэпэщу екIуэкIащ.
13. ЗЭIУКIУЭТЫН
(зэIуокIуэт) неперех. гл. 1. раздвинуться / ЛъэныкъуитIымкIи зыгуэр (Iупхъуэ) екIуэтэкIыу дазэ иIэ хъун. Iупхъуэр зэIукIуэтри, дыгъэ бзийр пэшым къыщIидзащ. 2. расступиться / More…
14. ЗЭIУКIЫН
(зэIуокI) неперех. гл. раскрыться, распахнуться / ЗэIужын, зэIухын, зэIузэщIыкIын. Унэбжэр зэIукIри.. щIакIуэ зытеубгъуа щIалэр бжэщхьэIум къебэкъуащ. Къу. С.
15. ЗЭIУКЪУН
(зэIуекъу) перех. гл. см. зэлъыIукъун. ЛIыжьыр шым къепсыхщ, удзхэмрэ къамылхэмрэ зэIуикъури хэплъащ. фольк. ПцIэгъуэплъым и бгъэ IэтамкIэ жьыбгъэр зэIуекъу. КI. Т.
16. ЗЭIУЛIЫН
(зэреIулI) перех. гл. прибить, приколотить что-л. друг к другу / Зыр адрейм еIулIын; зыр адрейм кIэрыIулIэн. ПхъэбгъуитIыр зэIулIын.
17. ЗЭIУЛЪХЬЭН
(зэIуелъхьэ) перех. гл. сложить (складной нож) / ЗэхуэщIыжын, зэдэлъхьэжын (сэ зэIулъхьэр).
18. ЗЭIУЛЪЫН
(зэIулъщ) неперех. гл. быть сомкнутым, сложенным (напр. о ноже, ножницах) / Зыр зым Iулъхьауэ щытын. Лэныстэр зэIулъщ. Сэр зэIулъщ. {Я} быдзышэ зэIулъын см. быдзышэ.
19. ЗЭIУМЫБЗ
нечеткий, неясный, непонятный, запутанный / Зэхэмыбз, мыгурыIуэгъуэ, мыIупщI, зэхэгъэзэрыхьа. Iуэху зэIумыбз. Лэжьыгъэ зэIумыбз.
20. ЗЭIУМЫБЗУ
нареч. нечетко, неясно, непонятно, запутанно / Зэхэмыбзу, мыгурыIуэгъуэу, мыIупщIу, зэхэгъэзэрыхьауэ. ЩIалэм и фIылъагъуныгъэр зэIумыбзу зэрыщытым хуэдэу къэнащ. Хь. Хь.
 to main page AboutTop 10FeedbackLogin  top of page
© 2008 AdminUser XHTML | CSS Powered by Glossword 1.8.12